Есть ответ 👍

Изложение 3экъуэшитI псэурт. А тIyp зэщхьт, апхуэдизкIэ зэщхьти, зэикI цIыхухэм хэт дэтхэнэр арами къахуэщIэртэкъым. Я нэхэри, я щхьэцхэри, я нэкIум хэс анэл нэгъунэ зэщхьт. Ауэ, сыт хуэдэу я теплъэкIэ зэмыщхьами, а тIyp зырызт.
Зыр гуфIэрт, нэгъуэщIым щигуфIэгъуэм деж, нэщхъейт, нэгъуэщIым щинэщхъеягъуэм деж. Адрейм, нэгъуэщIым сыт къыщымыщIами, псори и зэхуэдэт.

- КъэдаIуэт, си къуэш, - жеIэ цIыхум я гуфIэгъуэри я нэщхъеягъуэри ядэзыгуэш къуэшым. - Щхьэ нэгъуэщIым и гуфIэгъуэм е и нэщхъеягъуэм уи гур хуэбыдэ. Щхьэ зыри зэхыумыщIэрэ?
- Гуауэри гуфIэгъуэри къызгуроIуэ,- жиIащ къуэш гу быдэм. - Ауэ сэ си гур сохъумэ.
- Дауэ зэрыпхъумэр?
- Ар къэпщIэнумэ, ди гуитIыр зэдгъэгъапщэ.

ИкIи зыр зым и нэгу щIэплъащ. Дэтхэнэми илъэгъуащ адрейм и гур. Гур зыхъумэну мурад зыщIам и гур мамырт, хамэ гуфIэгъуэми игъэпIейтейртэкъым, хамэ нэщхъеягъуэми ихузыртэкъым. Мыдрей и къуэшым и гур къилъэтыным хуэдэщ, IэштIымкIэ и бгъэм къоуэ, цIыхухэм я нэщхъеягъуэр ящхьэщихыну, я гуфIэгъуэр ядиIэтынy хьэзырщ.
- Плъагъурэ? - жиIащ къуэш мамырым. - Дэтхэнэ гуфIэгъуэри дэтхэнэ нэщхъеягъуэри гум йохьэри мывэм хуэдэу йожыхь. Уэ уи гум ахэр из хъуным куэд иIэжкъым. Уи гур хамэ нэщхъеягъуэхэм ягъэнщIащ. Сэ си гур иджыри нэщIщ. Си гъащIэм сызрихьэлIэну гуфIэгъуэхэм си гур хузохъумэ.

Арати, зэкъуэшхэр щхьэж езым и гъащIэ гъуэгу теувэжащ. Ахэр илъэс куэд дыдэкIэ зэпэIэщIэ хъуащ. Ауэ гу мамыр зыкIуэцIылъ къуэшым зэ радиокIэ, зэ газеткIэ зэхихырт мызэ-мытIэу къуэш гу пщтырым и хъыбар. ЦIыхухэм жаIэрт абы и гъащIэр IуэхукIэ гъэнщIауэ, цIыхум яхуилэжь дэтхэнэ зы Iуэхуми и гу кIапэ къыхинэу.
«Сыту ахьмакъ мы си къуэшыр! - гупсысэрт зи гур зыхъумэ къуэшыр.- И гур цIыхухэм яритурэ иухыжащ. Сеплъащэрэт иджы ар зэрыхъуам. Ауэ дэнэ къыщыбгъуэтын ар?»

Сыт хуэдэу мыхъуами, а тIyp зэгуэр зэхуэзэжащ. Зэрыхъуари мыращ.
Зи гур зыхъумэ къуэшым зэгуэрым зэхихащ я къалэм цIыху цIэрыIуэ гуэр кърагъэблагъэу.
- Сеплъынти сэри,- дыхьэшхыпцIащ зыри къызыфIэмыIуэхур, - мы лIыхъужь къэунэхуам.
И унэм къыщIэкIри ар цIыхухэм яхыхьащ. ЦIыхухэр мэгуфIэ, музыкэ йоуэ, цIыхубзхэмрэ сабийхэмрэ удз гъэгъахэр драдзей.
Плъэмэ, лъагэу лIы къекIу къокIуэ. Мэбакъуэ псынщIэу, щIалэ бэкъуэкIэу.
- Мыр сыт? - игъэщIагъуэу маплъэ зи гур мамыр къуэшыр. - Мыр си къуэш гу пщтырым сыту ещхь!

ИкIи езым и къуэшым зригъапщэри къыгурыIуэжащ, и гур, сыт хуэдизкIэ ихъумэну хэмытами, зэримыхъумэфар, жьыгъэри къызэрыкIэщIэзэрыхьар.
Зи гур пщтыр и къуэшыр иджыри щIалэщ. НэгъуэщIым и гуфIэгъуэр дэIэтыным, нэщхъеягъуэр щхьэщыхыным, нэгъуэщIхэри насыпыфIэ щIыным яужь ит игури жьы хъуну хущIыхьакъым, нэхъри нэхъ лъэщ хъуащ. ФIы зыхуищIа цIыхур фIыкIэ къетэжыным гу пщтыр цIыхум и зэфIэкIыр хигъэхъуащ. Абы еш жыхуаIэр ищIакъым.

148
182
Посмотреть ответы 1

Ответы на вопрос:


P=(35+21)*2=112

d=100*35 =31.25%

112

s=100*21 18.75%

112

Пошаговое объяснение:

d - длина

S - ширина

Популярно: Другие предметы